Псынэпсу мэз лъапэм къыщ1эжыр Ди бгыжьхэм къехауэ къуршыпсщ, Уэс хужь гъатхэ дыгъэм дэтк1уж 1уащхьэмахуэ и нэпсщ.
Хабзэр губгъуэжьым къиднащи, Ц1ыхугъэ нэпц1ыр фэрыщ1щ. Къулыкъущ1экъухэр я 1улъхьэмрэ мылъкумрэ я унэ1утщ. Ди дыгъэ-мазэр мэгъуащэ, Лъэпкъым и вагъуэр ижат
Шы к1апэм к1эрытщ1эу къэтлъэфхэм унафэ щащ1ам!
Псынэпсу мэз лъапэм къыщ1эжыр Ди бгыжьхэм къехауэ къуршыпсщ, Уэс хужь гъатхэ дыгъэм дэтк1уж 1уащхьэмахуэ и нэпсщ.
Зэтомыгъащ1эу и дамэм Уи къуэшым и 1эр убыд. Лъэпкъым и дамэр мэуз, Сынолъэ1у... томыуд! Вагъуэ зэшиблыр къытхуоблэ, Тэджи гъуэгуанэм пыщэж Лъэгуажьэмыщхьу ущытмэ уи напэр бощэж.